-
1 гугъэ
1. надежда; мечта/ ХъуэпсапIэ; гуращэ.* Дауэ щытми, ди щIалэгъуэр гугъэ дахэм хэвмыгъэкI. Iуащхь. Гугъэ здэщымыIэм гъащIи щыIэкъым. (погов.) Гугъэмрэ жеймрэ адэ щIэиныфIщ. (погов.)2. намерение/ Мурад.Гугъэ егъэщIын подать надежду кому-л.Гугъэ иIэн надеяться на что-л., питать надежду.Гугъэ щIын намериваться, нацелиться.ГугъэкIэ псэун жить надеждой, жить в надежде на что-л.Гугъэм хэмыкIын постоянно, вечно надеяться на что-л.И гугъэм и Iэр техуэн достигнуть своей цели.* {Бэдынокъуэ и анэм:} - Нобэ хуэдэ зы махуает зыхуэспIари си гугъэм си Iэр техуащ. Нарт.Гугъэр хэмыхыжын не потерять надежды на что-л.Гугъэр хэхыжын (хэхын) потерять надежду на что-л.* Хъалил и гугъэр хихыжри ешыпауэ ар кIуэжащ. Гу и у. Масирэт и гугъэр хихыжыпауэ пшынэр зэгуепIэж. Iуащхь.Гугъэ нэпцI 1. несбыточная мечта/ КъемыхъулIэным щыгугъыныгъэ.* Гугъэ нэпцIщ ахэр {зауэщIэгъэстхэр} зыщIэкъур, щхьэгъэпцIэжщ абы я гуращэр. Iуащхь.2. несбыточная надежда/ ЩхьэгъэпцIэж гуращэ.* Фыз тхьэмыщкIэр гугъэ нэпцIкIэ пщы бжэIупэм ныIуоувэ. Щ. А.Гугъэ нэпцI щIын зря надеяться на что-л.